СДЕЛАЙТЕ СВОИ УРОКИ ЕЩЁ ЭФФЕКТИВНЕЕ, А ЖИЗНЬ СВОБОДНЕЕ

Благодаря готовым учебным материалам для работы в классе и дистанционно

Скидки до 50 % на комплекты
только до

Готовые ключевые этапы урока всегда будут у вас под рукой

Организационный момент

Проверка знаний

Объяснение материала

Закрепление изученного

Итоги урока

Рабочие программы

Нажмите, чтобы узнать подробности

Просмотр содержимого документа
«Рабочие программы»


Хэзыгъэгъуазэ тхыгъэ


Адыгэбзэ тхэныгъэмк1э е 3-нэ классым зэрыщылажьэ программэр зэхэгъэуващ: къэрал стандартым и федеральнэ компонентымрэ щ1эныгъэ егъэгъуэтынымк1э 1уэхущ1ап1эхэм я программэхэу егъэджэныгъэмрэ щ1эныгъэмк1э КъБР- м и Министерствэм къигъэлъагъуам ипкъ итк1э.

Гугъуэт Л., Гугъуэт Е. Адыгэбзэ. 3 класс. КъБР-м ЩIэныгъэ IуэхухэмкIэ и министерствэм къищтатщ. Еянэ къыдэкIыгъуэ, хэлэжьыхьыжауэ. - Налшык: «Эльбрус», 2016.

Адыгэм бзэр фIыуэ щIэным, ар шэрыуэу, IэкIуэлъакIуэу къигъэсэбэпыным гулъытэ, пщIэ лей хуащIу куэд щIауэ къогъуэгурыкIуэ. Адыгэбзэм адыгэ лъэпкъыгъэр ехъумэ, лъэпкъым и гъащIэ гъуэгумрэ и тхыдэмрэ абы и пкъым хэпщауэ къыдокIуэкI, и IуэхущIафэ нэхъыщхьэхэри лъэпкъыбзэм ехъумэ. Абы къыхэкIкIэ адыгэбзэр егъэфIэкIуэныр, щегъэджыныр икIи зыужьыныгъэ тэмэм егъэгъуэтыныр пэщIэдзэ классхэрщ щыщIэдзэн хуейр.

Мурадыр:

еджакIуэхэм я бзэм, я гупсысэкIэм зегъэужьын, кIэлъыплъыныгъэ егъэкIуэкIын:

бзэм и хабзэ гуэрхэр зэрагъэпэщыным, абы къыдэкIуэуи вывод щхьэхуэхэр щIыным, упщIэхэм жэуап етыным хуегъэсэн;

лэжьыгъэм гъэсэныгъэ и лъэныкъуэкIэ хэлъ гупсысэр къыхэгъуэтэн;

еджакIуэхэм хьэкъ ящыщIын адыгэбзэмрэ адыгэ лъэпкъымрэ гуэхыпIэ имыIэу зэрызэпхар икIи ар фIыуэ лъагъун зэрыхуейр;

бзэм къабзэу, шэрыуэу ирипсэлъэныр Iэмал имыIэу пщIэн хуейуэ зэрыщытыр къагурыгъэIуэн;

фIыр Iейм, сэбэпыр зэран хъум къыгуагъэкIыфу, Iейр Iумпэм ящIыфу, зэран хъум пэщIэувэфу зэрыщытын хуейр егъэщIэн:

еджак1уэхэр щыуагъэншэу тхэфу егъэсэн;

псалъэухахэр тэмэму яухуэфу егъэсэн.

1.Урокым къыщыдгъэсэбэп Iэмалхэр:

- акъылым зезыгъэужь Iэмалхэр (развивающие игры);

- творческэ лэжьыгъэхэр (творческие игры);

- лэжьыгъэм епха Iуэхугъуэхэр зэрызыхагъэкI упщIэхэр (проблемные вопросы);

- къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр (поисковая работа);

- урок зэхэпща (интегрированные уроки).

2.Тхыгъэ лэжьыгъэхэр.

Ещанэ классым щ1эс еджак1уэхэм тхыгъэ лэжьыгъэ зэмыл1эужьыгъуэхэр ягъэзащ1э. Ахэр мы къэк1уэнухэр арщ:

1.Диктант зэмыл1эужьыгъуэхэр.

а) Хуэзыгъэхьэзыр диктантхэр:

- япэ щ1ык1э къызэджэу, иужьк1э зыщ1эдэ1уу ятх диктантхэр;

- псалъэ щхьэхуэурэ зэхэт диктантхэр;

- къызыхахыурэ ятх диктантхэр.

2. Ягу зэрыраубыдэфк1э ятх диктантхэр.

3. Къагупсысхэр зыхагъэувэурэ ятх диктантхэр.

4.Творческэ диктант.

5. Къызэрапщытэ диктант.

Нэгъуэщ1 тхыгъэ лэжьыгъэхэр.

1. Егъэджак1уэм и унафэм щ1эту текст мыин и план зэхалъхьэри ятх.

2. Сурэт зэпыщ1ахэмк1э хъыбар мыин зэхалъхьэри ятх.

3. Дунейм зэрык1элъыплъхэм, ц1ыхухэм я лэжьыгъэхэр зэралъагъум теухуауэ псалъэухахэри хъыбар мыинхэри езыр-езыру зэхалъхьэри ятх. Тепсэлъыхьыныгъэ хэлъу. Езыхэм я 1уэхущ1афэхэм теухуа тхыгъэ лэжьыгъэ ягъэзащ1э.

Фонетикэр, грамматикэр, тхэкIэ тэмэмыр, бзэм зегъэужьыныр.

Фонетикэм, грамматикэм, тхэкIэ тэмэмым, бзэм зегъэужьыным пэщIэдзэ классхэм зэрыщыхурагъаджэр класс нэхъыщхьэхэм адыгэбзэмкIэ щаджынухэм и щIэдзапIэущ икIи зэпыщIауэщ. ПэщIэдзэ классхэм адыгэбзэкIэ щаджхэм щыщ куэдым бзэм и лъэныкъуэ зэхуэмыдэхэр къызэщIаубыдэ. ЕджакIуэхэр щыгъуазэ мэхъу псалъэр зэрызэхэт макъхэм, псалъэр пычыгъуэкIэ, зэрызэхэт мыхьэнэ зиIэ IыхьэкIэ зэхэгъэкIыным, къанэ щIагъуэ щымыIэу псалъэ лъэпкъыгъуэ псоми, абыхэм я грамматическэ формэ нэхъыщхьэхэм, псалъэуха къызэрыкIуэ дыдэхэм, псалъэухам и пкъыгъуэхэм пэжырытхэм и хабзэхэм щыщ зыбжанэм. Программэм апхуэдэу къегъэув еджакIуэхэр псалъэм и лексическэ мы-хьэнэм, псалъэм мыхьэнэ куэд иIэнкIэ зэрыхъум, синонимхэм, антонимхэм практическэу щыгъэгъуэзэн хуейуэ.

Адыгэбзэр пэщIэдзэу джыным и раздел нэхъыщхьэ дыдэхэм щыщщ: «Макъхэмрэ хьэрфхэмрэ», «Псалъэр»,«Псалъэухар», «КъэIуэтэныгъэ зэпхар», «Псалъэ лъэпкъыгъуэхэр».


3.Макъхэмрэ хьэрфхэмрэ.

ЕджакIуэхэр нэIуасэ хуохъу макъхэмрэ хьэрфхэмрэ, абыхэм я зэхущытыкIэм, макъзешэхэмрэ макъ дэкIуашэхэмрэ, пычыгъуэм, ударенэм, ударенэ зытелъ, зытемылъ макъзешэхэм, макъ дэкIуашэ дэгухэмрэ жьгъыжьгъхэмрэ.

Ещанэ классым мы IуэхугъуэхэмкIэ ящIэн хуейхэмрэ яIэ есэныгъэмрэ щофIакIуэ, псалъэр зэрызэхэт макърэ хьэрфрэ елъытауэ зэпкърыхынымкIэ ягъуэта щIэныгъэхэмрэ есэныгъэхэмрэ хохъуэ, заузэщI. А лэжьыгъэр псом япэрауэ, хуэунэтIауэ щытыпхъэщ щыуагъэншэу къытратхыкIыфу, диктант ятхыфу, ятхар къапщытэжыфу егъэсэным, пэжырытхэмкIэ яIэ щIэныгъэмрэ есэныгъэмрэ егъэфIэкIуэным.

Псалъэр.

Ещанэ классым псалъэр зэрызэхэтыр (лъабжьэр, кIэухыр, псалъэр зэхъуэкIа зэрыхъу, псалъэ къызэрыхъу префиксыр, псалъэр зэхъуэкIа зэрыхъу, псалъэ къызэрыхъу суффиксыр) зэрыщыту ядж, икIи щагъэгъуазэ псалъэм и къэхъукIэ нэхъыщхьэм.

Псалъэм и зэхэтыкIэр щаджым къыдэкIуэу ящIэн хуейщ макъ дэкIуашэ дэгу, жьгъыжьгъхэм, макъзешэ а, э–хэм я тхыкIэм ехьэлIа хабзэ нэхъ тыншхэр. Есэн хуейщ псалъэпкъым а, э щатхым и хабзэхэр къапщытэфу, ягъэбелджылы псалъэмрэ зыгъэбелджылы псалъэмрэ зэхагъэкIыфу, псалъэр зэрызэхэт Iыхьэхэр тэмэму къагъуэтыфу.

Ещанэ классым щIадзэ псалъэ лъэпкъыгъуэхэу щыIэцIэ, плъыфэцIэ, глагол, щхьэ цIэпапщIэ, послелогхэр джыным. ЕджакIуэхэм ахэр яIэ мыхьэнэхэмкIэ, жэуап зыхуэхъу упщIэхэмкIэ, зэрызахъуэжымкIэ (склоненэмрэ спряженэмрэ) зэхагъэкIыфу щытын хуейщ.

Псалъэухар.

ПэщIэдзэ классхэм щеджэхэр щыгъуэзэн хуейщ:

1. Псалъэуха лIэужьыгъуэхэм, зэраIуатэ, зэрыупщIэ, хэIэтыкIа псалъэухахэм;

2. Псалъэухам и пкъыгъуэхэм;

3. Псалъэухам хэт псалъэхэм я зэхэтыкIэхэм.

Ещанэ классым псалъэуха лIэужьыгъуэхэмкIэ гурыIуэныгъэ щагъуэтын, ахэр я бзэм къыщагъэсэбэпыфу есэн хуейщ.

КъэIуэтэныгъэ зэпхар.

ПэщIэдзэ классхэм нэхъыщхьэу щекIуэкI лэжьыгъэхэм ящыщщ бзэм зегъэужьыныр.

ЕджакIуэхэм я бзэм зегъэужьыным щыщIадзэ къеджэкIэрэ тхэкIэрэ щрагъащIэ япэ урокхэм щегъэжьауэ, ар щрагъэкIуэкI къыщеджэми грамматикэмрэ пэжырытхэмрэ щызэрагъащIэми.

Еджэгъуэ четвертым къриубыдэу еджакIуэхэм я бзэм зегъэужьынымкIэ егъэджакIуэм илэжьынухэр щиубзыхукIэ, сочиненэ, изложенэ яригъэтхынухэм я бжыгъэм и мызакъуэу фонетикэм, грамматикэм, пэжырытхэм щыхуригъаджэм ахэр сыт хуэдэ щIыкIэкIэ хэгъэхьапхъэми игъэбелджылыну и къалэнщ. Абы щыгъуэми Iуэхум къыхэлъытэн хуейщ тхыбзэмкIэ яIэ зэфIэкIхэр къызыхэкIыпхъэхэр жьабзэм зегъэужьыным тещIыхьауэ щагъэзащIэкIэ егъэджакIуэм игу зыхуэмызагъэхэр зэригъэзэхуэжын, я къэIуэтэкIэкIи тэмэму ятхынымкIэ нэхъ гу зылъытапхъэр яжриIэн.

Псалъэ лъэпкъыгъуэхэр.

Ещанэ классым псалъэ лъэпкъыгъуэхэр щадж: щыIэцIэхэр, плъыфэцIэхэр, глаголхэр, послелогхэр, щхьэ цIэпапщIэхэр. ЕджакIуэ-хэм ахэр зэхагъэкIыфу ирагъасэ къызэщIэзыубыдэу яIэ мыхьэнэхэмкIэ, жэуап зыхуэхъу упщIэхэмкIэ, зэрызахъуэжымкIэ (склоненэмрэ спряженэмкIэ).

Псалъэ лъэпкъыгъуэхэр джыным етIуанэ классым щыхуагъэхьэзыру щIадзэ, х э т? с ы т? сыт х у э д э? с ы т и щ I э р э? нэ-гъуэщI упщIэхэми жэуап хуэхъу псалъэхэм нэIуасэ щыхуащIкIэ. Псалъэ лъэпкъыгъуэхэм я фIэщыгъэцIэхэр (зэреджэр) щыхагъэхьэр ещанэ классырщ.

Щхьэ цIэпапщIэхэм (1, 2, 3 щхьэхэм закъуэ бжыгъэуи куэд бжыгъэуи) цIыкIухэр практическэу щагъэгъуазэу аращ: ахэр бзэм къызэрыщагъэсэбэпым, зэрызахъуэжым елъытауэ.

Послелогхэр етIуанэ классым къыщыщIэдзауэ хагъэхьэ. Союзхэм и гугъу щыхуащIыр «Псалъэуха» Iыхьэр класс къэс щаджым къыдэкIуэущ.

ТхэкIэм къыхуеджэныр.

ТхэкIэ лэжьыгъэм и къалэнщ еджакIуэхэм къалэмыр ягъэшэрыуэфу, хьэрфхэмрэ ахэр зэрызэхэт Iыхьэхэмрэ зэпыщIа зэрыхъумрэ я нэхэм къаубыдыфу егъэсэныр, псалъэхэр псалъэухахэр, текстхэр ятхыфыным хуегъэсэныр.

ТхэкIэм еджакIуэр зэрыхурагъаджэм къызэфIигъэкIын хуейщ абы зэхих макъыр хьэрфкIэ къэгъэлъэгъуэныр, хьэрфхэр, псалъэхэр, псалъэухахэр тэмэму, дахэу ятхыфу, тхыгъэми къытратхыкIыфу егъэсэныр (нэхъыбэу зэлэжьыпхъэр хьэрф зэгуэтхэрщ).

Къызэрапщытэ диктанхэмрэ зэрагъасэ изложенэхэмрэ, сочиненэхэмрэ зэрыхъун хуей псалъэ бжыгъэхэр:


Тхыгъэ лэжьыгъэ л1эужьыгъуэхэр

Псалъэ бжыгэхэр

Диктант

изложенэ


30-35

45-50


ЕджапIэм и пкъыгъуэм къыхэкIыу тхьэмахуэм зы сыхьэт къыдет:

Фонетикэр, грамматикэр, тхэкIэ тэмэмыр, бзэм зегъэужьыныр (сыхь.51).

Къабзэу тхэныгъэ.


Къабзэу тхэныгъэ (мыбы урок щхьэхуэ хухамыхыу, нэгъуэщI тхыгъэ лэжьыгъэхэм теухуа урокхэм деж дакъикъэ зытIущ лъагъэсу ягъэзэщIэну аращ).

Зи тхыкIэр нэхъ тыншхэмкIэ къыщежьэрэ зи тхыкIэр нэхъ гугъухэр абыхэм кIэлъагъакIуэу, хьэрф цIыкIухэри хьэрфышхуэхэри линитIым къагъэхъу сатырым дэту ятхын (хьэрфым и лъагагъ, бгъуагъхэр зэрыхуейм хуэдэу къагъэлъагъуэу). Япэ классхэм щаджахэм къытрагъэзэжын. Нэхъ щIэгъэхуэбжьауэ; ритм хэлъу, хьэрфхэр зэрапхыурэ, псалъэхэри псалъэухахэри ятхыным хуэкIуэн.

ЕджакIуэхэм зи тхыкIэр къехьэлъэкI хьэрфышхуэхэри хьэрф цIыкIухэри егъэтхын, ахэр тэмэму зэпащIэу, къапщтэмэ, мыпхуэдэхэр: I. ч, ж, д, щI, б, з,къ, у, я, нэгъуэщIхэри; 2. Г, П, Ц, В, К, Д, У, Ю, TI,нэгъуэщIхэри; 3. Хъ, хъ, Рр, Вв, Ее, Зз, Гу, гу, Уу,нэгъуэщIхэри. Iэр къытрамыхыу хьэрфхэр зэпащIэным хуэзыгъасэ лэжьыгъэ егъэкIуэкIын: св, во, вл, гъуа, уе, до, пIо, лъе,нэгъуэщIхэри.

Зи тхыкIэ тэмэмыр ещанэ классым хабзэхэмкIэкъыщамыпщытэу гъэ еджэгъуэм и кIуэцIкIэ

зрагъэщIэн хуей псалъэхэр.

Уэрам, IункIыбзэ. хьэмфIанэ, шыпсыранэ, шыгун. фIамыщI, бэлътоку, напэIэлъэщI, кIэртIоф, джэш, балыджэ, балий, мывэ, бгырыпх, къулыкъу, бзиху, псысэ, кIапIынэ, цIантхъуэ, бру, бостей, хьэндырабгъуэ, вэгъу, уэрэд, уэншэку, джырафинэ, фэтыджэн, бэракъ, бащлъыкъ, бабыщ, бэлагъ, чэзу, портфель, тепщэч, бдзэкъунтх, къэптал, чэсыргей, фоч, бэдрэжан, хъэуан, ткIыбжь, пкIауэ, къэнжал, тэмэм, гъэункIыфIын, медаль, пассажир, тыкуэн, театр, елыркъэш, емылыдж, бдзапцIэ, шындырхъуо, птулъкIэ, дзэл, дамэкъуэ, псырылъэ, тхуей. къащыкъ, фэлъыркъэб.

Ещанэ гъэ еджэгъуэм и кIэм деж еджакIуэхэмящIэн хуейхэмрэ яхузэфIэкIыпхъэхэмрэ.

ЯщIэн хуейхэр:

Макъ жьгъыжьгъхэмрэ макъ дэгухэмрэ.

Дамыгъэ I-р хьэрфыпкъыу зыхэт «хьэрф зэгуэтхэм» хуэдэхэр псалъэм щызэтрихьэнкIэ зэрыхъур, апхуэдэхэм я тхыкIэр.

Псалъэм и кIуэцIкIэ а-мрэ э-мрэ щызэхагъэгъуащэу Iууэ щытыным и щхьэусыгъуэр ударенэм (хэкъузэныгъэм) епхауэ зэрыщытыр.

Префикс зы-, зэ-хэм я тхьыкIэм и щапхъэ нэхъ тыншхэр. Псалъэпкъым и кIэм йщатхыр. Макъ дэкIуашэу у, й-хэм къакIэлъыкIуэ макъзешэ ы-р зэрамытхыр.

Псалъэм езыр зыгъэбелджылы псалъэ гуэр къыпыту къапсэлъынкIэ зэрыхъумрэ апхуэдэм и тхыкIэмрэ.

Псалъэм и зэхэлъыкIэр: лъабжьэ, псалъэ къызэрыхъу, зэхъуэкIа зэрыхъу префикс, псалъэ къызэрыхъу, зэхъуэкIа зэрыхъу суффикс, кIэух.Щхьэ префиксхэр макъ жьгъыжьгъыуимакъ дэгууи щытынкIэ зэрыхъумрэ апхуэдэхэм я тхыкIэмрэ.

Щхьэ префиксхэмрэ цIэ унейхэмрэ (цIыхуцIэ, унэцIэ, цIэ лей) щызэщIыгъум я тхыкIэр.

Щхьэ префиксри ар зэувалIэ псалъэпкъыр къызэрыригъажьэ макъри зэхуэдэу (а зы макъ дыдэр ару) щытынкIэ зэрыхъумрэ апхуэдэм и тхыкIэмрэ щыгъэгъуэзэн.

Псалъэ лъэпкъыгъуэхэр: щыIэцIэ, глагол, плъыфэцIэ, цIэпапщIэ, послелог.

Псалъэухар: зэраIуатэ, зэрыупщIэ псалъэухахэр; псалъэухар хэIэтыкIауэ къэкIуэнкIэ зэрыхъур; псалъэухам и пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэр; пкъыгъуэ етIуанэхэр; псалъэухам хэт псалъэхэм яку дэлъ зэпхыныгъэр.

ЯхузэфIэкIыпхъэхэр:

Щыуагъэншэу икIи хъэтI дахэкIэ зыгуэр къытетхыкIыфын, псалъэ 50 хъу тхыгъэр диктанту тхын, пэжырытхэмкIэ яджа хабзэхэм теухуа орфограммэхэр хэту (макъзешэ э, а-хэм я тхыкIэм – псалъэпэми псалъэкуми къыщыкIуэм и щапхъэхэр, щхьэ префиксу къэкIуа макъ дэкIуашэ жьгъыжьгъхэмрэ дэгухэмрэ я тхыкIэр, послелогхэр зи гъусэ псалъэм пыхауэ зэратхыр, у, й-хэм къакIэлъыкIуэ макъзешэ ы-р зэрамытхыр, префикс зы-щатхымрэ зэ- щатхымрэ псалъэухам и кIэм ягъэув нагъыщэхэр (точкэ, зэрыупщIэ, хэIэтыкIа нагъыщэхэр);

фонетическэ зэпкърыхыныгъэ ирагъэкIуэкIын: псалъэхэр пычыгъуэкIэ зэпыудын, макъзешэхэмрэ дэкIуашэхэмрэ гъэбелджылын, ударенэр зытет, зытемыт пычыгъуэхэр къыхэгъэщхьэхукIын, макъ дэкIуашэхэр гъэбелджылын: дэгухэмрэ жьгъыжьгъхэмрэ, псалъэм хэт макъхэмрэ ахэр къызэрыгъэлъэгъуа хьэрфхэмрэ бжыгъэкIэ зэрызэпэхъур, псалъэм папщIэ, мыпхуэдэ псалъэхэм: хужь, къахыу, итын, дыгъужь,бажэ;

псалъэр зэрызэхэт IыхьэхэмкIэ зэпкърыхын (лъабжьэр, псалъэр зэхъуэкIа зэрыхъу, псалъэ къызэрыхъу префикс, суффиксхэр, кIэухыр къыхагъэкIын);

псалъэ лъэпкъыгъуэ зыщыгъуазэхэр зэхацIыхукIын, абыхэм яграмматическэ щытыкIэхэр зэхагъэкIыфын (щыIэцIэмрэ плъыфэцIэмрэ я бжыгъэмрэ зэрыт падежымрэ, глаголым и зэманымрэ бжыгъэмрэ);

псалъэухам хэт псалъэхэм яку зэпхыныгъэ гуэрхэр зэрыдэлъыр ягъэбелджылын, псалъэ зэпхахэр къыхэгъэкIын;

псалъэухар пкъыгъуэкIэ къызэрыгуэкI дыдэу зэпкърыхын (къыщIаIуатэ мурадкIэ псалъэухахэм ялIэужьыгъуэхэр гъэбелджылын, псалъэухам и пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэри етIуанэхэри къыхэгъэкIын, ахэр зэрызэпхар упщIэкIэрэ гъэбелджылын);

зэгъусэу зэхалъхьа планымкIэ изложени сочинении ятxын, псалъэ 60-65-рэ хуэдиз хэту.



4.Тхэным теухуа сыхьэт бжыгъэхэр мыпхуэдэу гуэшащ:


№

Темэхэр.

Сыхьэт бжыгъэр.

1

ТхэкIэ тэмэмым теухуауэ блэкIа классхэм щаджам къытегъэзэжын.

сыхь.16

2

Псалъэ.

сыхь.6

3

Псалъэм и зэхэлъыкIэр

сыхь.15

4

Псалъэ лъэпкъыгъуэхэр.

сыхь.23

5

Псалъэуха

сыхь. 9


Псори

68













Календарно - тематическое планирование

адыгэбзэмк1э ещанэ класс.

Учебник: «Адыгэбзэ» 3класс

Автор:Гугъуэт Л., Гугъуэт Е.(Налшык «Эльбрус» 2016г.)

Количество часов 68часов, 2н/ч


№

Разделы


№


Темы


Кол-во

часов

Дом.

задание

Дата проведения

План

Факт

I


ТхэкIэ тэмэмым теухуауэ блэкIа классхэм щаджам къытегъэзэжын.(сыхь.16)



1

Псалъэуха. Псалъэуха зэхуэмыдэхэм я кIэм ягъэув нэгъыщэхэр.

1

Лэжь.1нап. 4


03.09




2

ХьэрфышхукIэ ятх псалъэхэр.

1

Лэжь.6 нап.6

06.09




3

Й,й-хэр псалъэм къызэрыщыкIуэр.

1

Лэжь.12 нап.9

10.09




4

Макъзешэ а-э-хэр псалъэм зэрыщатх щIыкIэр.

1

Лэжь.15нап.11

13.09




5

У-м и пэкIэ зэпэщIэзых ы къыщыкIуэр.

1

Лэжь.21 нап.13

17.09




6

Къызэрапщытэ диктант. “Бжьыхьэ мэз»

1

Прав.къэп.

24.09




7

Щыуагъэм елэжьын. Макъ дэкIуашэхэр.

1

Лэжь.25нап.15

27.09




8

Макъ дэкIуашэ жьгъыжьгъхэмрэ дэгухэмрэ.

1

Лэжь.28 нап.17

01.10




9

Макъ дэкIуашэ жьгъыжьгъхэмрэ дэгухэмрэ.

1

Лэжь.33нап.21

04.10




10

Макъ дэкIуашэ пIытIахэр.

1

Лэжь.37нап.23

08.10




11

Макъ дэкIуашэ пIытIахэр.

1

Лэжь.38нап.24

11.10




12

Ударенэ.

1

Лэжь.42 нап.27

15.10




13

Ударенэ.

1

Лэжь.46 нап.29

18.10




14

Пычыгъуэ, макъ, хьэрф ехьэлIауэ псалъэр зэпкърыхын.

1

Лэжь.51нап.33

22.10




15

Къызэрапщытэ диктант «Бжьыхьэ»

1

Прав.къэп.

25.10




16

Псалъэр,псалъэ зэпыщIар.

1

Лэжь.54нап.36

29.10



II


Псалъэ. (сыхь.6).


17

Псалъэр,псалъэ зэпыщIар.

1

Лэжь.57 нап.37

12.11



18

Псалъэ зэпыщIам и кIуэцIкIэ макъ э-ра-кIэ къыщагъэлъагъуэр.

1

Лэжь.62нап.40

15.11



19

Псалъэ зэпыщIам и кIуэцIкIэ макъ э-ра-кIэ къыщагъэлъагъуэр.

1

Лэжь.66нап.43

19.11



20

Ягъэбелджылы псалъэмрэ зыгъэбелджылы псалъэмрэ.

1

Лэжь.70 нап.45


22.11



21

Ягъэбелджылы псалъэмрэ зыгъэбелджылы псалъэмрэ.

1

Лэжь.71 нап.46

26.11



22

Диктант.

1

Прав.къэп.

29.11


III


Псалъэм и зэхэлъыкIэр(сыхь.15).


23

Щыуагъэм елэжьын Псалъэм и зэхэлъыкIэр. Псалъэ лъабжьэ.

1

Лэжь.79 нап.52

03.12



24

КIэух

1

Лэжь. 81нап.53

06.12



25

Префикс. Псалъэ къызэрыхъу префиксхэр.


Лэжь. 87нап56

10.12



26

Щхьэ префиксхэр, абыхэм я тхыкIэр.

1

Лэжь.93нап61

13.12



27

Щхьэ префиксхэм цIэ унейхэм щапыувэм деж я тхыкIэр.

1

Лэжь.105нап.68

17.12



28

Щхьэ префиксхэмрэ ар зыпыувэ псалъэр къызэрыщIидзэ хьэрфымрэ щызэщхьым деж ятхыкIэр.

1

Лэжь.109нап.70

20.12



29

Зэры-, мы-, префиксхэр цIэ унейм зэрыпыувэ

щIыкIэр.

1

Лэжь.111нап.72

24.12



30

Къызэрапщытэ диктант «Илъэсыщ1э»

1

Лэжь.117нап.75

27.12



31

Щыуагъэхэм елэжьын.Суффикс

1

Лэжь.121нап77

14.01



32

Суффикс.

1

Лэжь.127нап.80

21.01



33

Псалъэпкъ.

1

Лэжь.131нап 83

24.01



34

Псалъэпкъ.

1

Прав.къэп.

28.01



35

Псалъэпкъ.

1

Лэжь.133нап84

31.01



36

Щхьэ префиксу-м и пэкIэ и зэратхыр.

1

Лэжь.136нап.85

04.02



37

Б.\З.Изложенэ «Хьэ хей»

1

Прав.къэп.

07.02


IV


Псалъэ лъэпкъыгъуэхэр. (сыхь.23).


38

Б.\З.Изложенэ «Хьэ хей»

1

Лэжь.139нап.90

11.02




39

Псалъэ лъэпкъыгъуэхэмкIэ гурыIуэгъуэ

1

Лэжь.145нап.94

14.02




40

ПлъыфэцIэ.

1

Лэжь.147нап.95

18.02




41

ПлъыфэцIэ.

1

Лэжь.155 нап.100

21.02




42

ЩыIэцIэр егъэбыдылIэн.

1

Лэжь.159

нап.102

25.02




43

Къызэрапщытэ диктант «Гъусэ»

1

Прав.къэпщ.

28.02




44

ПлъыфэцIэ.

1

Лэжь.165нап.106

03.03




45

ПлъыфэцIэ.

1

Лэжь.16нап.107

06.03




46

ПлъыфэцIэ.

1

Лэжь.169 нап.108

10.03




47

ПлъыфэцIэ.

1

Лэжь.17нап.110

13.03




48

Глагол.

1

Лэжь.18нап.114

17.03




49

Глагол.

1

Лэжь.18нап.116

20.03




50

Глагол.

1

Лэжь.189нап118

03.04




51

Б.\З. Изложенэ. «Хывымрэ шк1эмрэ»

1

Прав.къэпщ.

07.04




52

Б.\З. Изложенэ «Хывымрэ шк1эмрэ»

1

Лэжь.19нап.122

14.04




53

ЦIэпапщIэ.

1

Лэжь.19нап.124

17.04




54

ЦIэпапщIэ.

1

Лэжь.20нап.125

21.04




55

Къызэрапщытэ диктант «Бжэндэхъур къызэрык1уэжар»

1

Прав.къэпщ.

24.04




55

Щыуагъэм елэжьын .Послелог.

1

Лэжь.207

нап.127

28.04




56

Послелог.

1

Лэжь.210

нап.128

05.05



57

Послелог.

1

Лэжь.215

нап.131

06.05



58

Къызэрапщытэ тест, зэджам теухуауэ.

1

Прав.къэп.

08.05



59

Къызэрапщытэ диктант

1

Прав.къэп.



V


Псалъэуха (сыхь. 9).


60

ПсалъэухамкIэ гурыIуэгъуэ. Псалъэуха лIэужьыгъуэхэр.

1

Лэжь.220

нап.136

11.05



61

Псалъэуха лIэужьыгъуэхэр.

1

Лэжь.224 нап.139

12.05



62

Псалъэуха лIэужьыгъуэхэр.

1

Лэжь.231

нап.142

13.05



63

Псалъэуха лIэужьыгъуэхэр.

1

Лэжь.248

нап.151

14.05



64

Псалъэухам и пкъыгъуэхэр.

1

Лэжь.255

нап.156

15.05



65

Псалъэуха мыубгъуахэмрэ убгъуахэмрэ.

1

Лэжь.257

нап.157

16.05



66

Къызэрапщытэ диктант.

1

Прав.къэпщ.

23.05



67

Щыуагъэм елэжьын .

Псалъэухам и пкъыгъуэхэр.

1

Прав.къэпщ.

24.05



68

Псалъэухам и пкъыгъуэхэр.

1

Прав.къэпщ.

25.05