Езыгъэк1уэк1ыр: Адыгэ хабзэу бзыпхъэ дахащэ!
Зэман блэк1ахэм уэ урафащэщ,
Ди нэхъыжьыф1хэм урафэеплъщ.
Нобэ ди щ1эблэм уриуэрэдщ.
Уэ упсэунщ адыгэр щы1эхук1э
Уэ ущы1эхук1и адыгэр псэунщ.
Къэбэрдейм и зы адыгэ хабзэхэм ящыщщ «Нысащ1э япэу псыхьэ зэрашэр».
Аращи Дзэлыкъуэкъуажэ япэ сабий садым къабгъэдэк1ыу дэ нобэ фэдгъэлъагъунщ ди адыгэбзэ, ди хабзэ дахэм теухуа пычыгъуэ.
Гуащэ: А нысэ фыхьэзыр?
Нысэ: Дыхьэзырщ нанэ,нысащ1эми 1эджэ къыдитащ.
Еплъыт , мыхэр абы ищ1ащ.
Гуащэ: Тобэ, и 1эм дыщэ къыпощри.
Сыту дэхащэ!
Нысэ: Ар зырик1щ, нанэ. Модэ абы зы арджэн ц1ык1у, еухыжри нак1уэт,
Уезгъэплъынти. (Мак1уэри къуоплъ).
Гуащэ: Сыунащ! Дыщэр и 1эпэм къыпощ къэтша ц1ык1ум.
Аллыхьым и шыкурщ.
Нысэ: Нанэ, ди гъунэгъу фызхэри къэсащ. К1уэ абыхэм деж.
Дэ дежьэнщ. Месс щ1алэгъуалэр къыдохьэ.
(Пшынауэ макъ къуо1у)
(пхъэхрэ пэгунит1рэ къыщ1ех. Нысащ1эр къыщ1ешри, абы ирет. Езым матэ къещтэри йожьэхэ).
Псоми: Нобэ ди нысащ1эр псыхьэ япэу дошэ.
Ялыхь зэрыжылэу тхуэф1ын щ1ы.
Тхьэм жи1э!
(пшынэ еуэу, джэгуу здэк1уэм зы фызыжь къахуозэ).
Нысэ: Уи махуэ ф1ыуэ, Жэнгуащэ!
Жэнгуащэ: Махуэф1 тхьэм къывит!
Дэнэ фежьа?
Нысэ: Ди нысащ1эр япэу псыхьэ дошэ. Мэ абы ищ1ауэ мы чысэр удот.
Жэнгуащэ: Фи 1ыхьэр к1ыхь ухъу!
(Псори йожьэж. Занщ1эу къуоувы1эж)
(Макъ зы-т1ущ)
Зэ-зэ, Мурат сымэ къуох. Фыкъэувы1э.
Псоми: Уи махуэ ф1ыуэ, Мурат!
Дауэ фыщытхэ?
Мурат: Тхьэр ф1ык1э къыфщ1эупщ1э.
Нысэ: Мурат, ди нысэр нобэ япэу псыхьэ дошэ.
Абы ищ1ауэ мыр узот.
Мурат: Тхьэр аразы къыфхухъу.
Мы нобэ къефшэжьа нысащ1эр
Нысащ1э щ1ык1аф1эу
«1уоху щ1эн» жа1эм къэжану,
Дадэ жи1эм еда1уэу
Нанэ жи1эр и гуапэу
Пэрытыныр и хьэлу
Илъэсыщ1э къыиугъащ1э!
Псоми: Аллыхьым жи1э.
(йожьэж, бгыщхьэм нос)
(Нысащ1эр псыхъуэм дохьэ. Пэгунхэр егъэув.)
Нысащ1эм: Нобэ Хьэтэжьыкъуэхэ я лъапсэ сыкъик1ри, япэу псыхьэ сыкъэк1уащ. Мыр уи 1ыхьэщ.
(Пэгуным илъыр кърехри егъэт1ылъ)
Бгыщхьэм тетхэм: Феплъыт, феплъыт жыхъуэ гуащэм и 1ыхьэри къихьащ.
(Нысащ1эм псы кърегъахъуэри, щ1алэ ц1ык1уит къуосри ирак1утыж).
Бгым тетхэм: Къэгубжьакъым, къэгубжьакъым.
( Аргуэру кърегъэхъуэжри, щ1алэ ц1ык1ухэр къыщыжэк1э ирак1утыну).
Нысащ1эм: зэ-зэ! Мэ мыр фызот.
(бэлътоку зэрыз къарет. Пэгунхэр къещтэжри бгым тетхэм ягъусэу къуок1уэж.)
Пщ1ант1эм фызыжьхэр дэсщ.
Нысэм: Феплъыт нысащ1эм къихьа псым.
(Щыми ираф)
Сыту 1эф1ыщэ!
Гуащэм: Мыр си нысэ ц1ык1ум къызэрихьара хъунщ апхуэдизу щ1ысф1э1эф1р.
Псым хуэдэу уаулъагъу, си хъыджэбз ц1ык1у.
Нысэм: Фэ фыщ1ыхьэ нанэ.
Дэ т1эк1у дыджэгунщ.
Адыгэ джэгу(сабийхэм ягъэзащ1э).
Джэгур яублэ. Бажэр къахуолъадэ.
Бажэм: Сыкъевгъэл! Сыкъевгъэл!
Гупым: Сыт къэхъуар бажэ ц1ык1у?
Бажэм: Адакъэм сыкъевгъэл. Сиук1ыну къуок1уэ.
Гуыпым: Уэ адакъэм уиук1ынуи? (Мэдыхьэшххэ).
Бажэм: Ар зэрыхъуам фыкъеда1уэ.
Адакъэ хахуэ
Тхьэк1умэк1ыхь,Мыщэ,Дыгъужь,мэкъуауэ къик1ыжу зы Адакъэжь.
Тхьэк1умэк1ыхьыр и унэр утык1ум итщ,езыр, вакъэнжей егъэщри,бжэщхьэ1ум тесщ.
Тхьэк1умэк1ыхьым: Вакъэнжейр гъэщын сыухмэ, си вакъэр здыжынщи, ди анэшым нысэ къашауэ жа1ащи, сык1уэнщ,сыкъыщыфэнщ,сыщыуджынщ(1эдакъэжьауэ ещ1ри маплъэ).Мы къак1уэр хэт? Бажэра хуэдэщ…Сытым къысхуихьу п1эрэ?
Бажэр къохьэ
Бажэм: Сыт ухуэдэ,си шыпхъушхуэ?
Тхьэк1умэк1ыхьым: Дыф1щ, тхьэр ф1ык1э къыпщ1эупщ1э…Къеблагъэ! «Хьэщ1эм насып къыдок1уэ» ,Бажэ ц1ык1у,удгъэхьэщ1энщ.
Бажэм: Деблэгъаи!
Тхьэк1умэк1ыхьым: Сытым укъытхуихьа?
Бажэм: Аслъэным унафэ ищ1ащ сэ тхьэк1умэк1ыхьым и унэм сыщ1эт1ысхьэн хуейуэ.
Тхьэк1умэк1ыхьым: «Хамэхьэр къуохьэри, унэхьэ иреху!» Сэ дэнэ сык1уэн ит1анэ?
Бажэм: Мэз щыхъук1э,уэри зы унафэ гуэр къыпхуащ1ынщ. Дэнэ ухуейми к1уэ,ухуейми губгъуэм ис-ар си мы1уэхущ. «Щ1ымахуэр къытк1эщ1эзэрыхьащ, Бажэм зы егъэзып1э гуэр имы1эу хънукъым»,- жари уи унэр къызатащ.
Тхьэк1умэк1ыхьым:Ар дауэ хъун,си шыпхъужь,сыт телъыджэлажьэ къызжеп1эр!(Магъ)
Бажэм: Алейк1и умыгъынанэ,унафэр унафэщ: инэрал щхьэ гъуанэм деж ук1уэу утхьэусыхами,зыри къыпхуащ1энукъым.
(Бажэр,унэм щ1охьэри, бжэ-щхьэгъубжэхэр кърегъэбыдэк1,дзапэ уэрэди къыхедзэ.Тхьэк1умэк1ыхьыр гъынанэу пщ1ант1эм къыдонэ.)
Тхьэк1умэк1ыхьым: Кхъа, сомыгъэунэхъу, си шыпхъу закъуэ!(Магъ).
Бажэм: Умыгъынанэ жыс1акъэкъэ! Узэгуэудами,сыныщ1эк1ынукъым,куэдщ уэ мыбы узэрыщ1эсар!
Тхьэк1уэк1ыхьым: Ул1эжынукъэ уэ?
Бажэм: Уи жьэр зэтеп1э! сыныщ1эк1мэ, ф1ы хэпхынкъым!
(тхьэк1умэк1ыхьыр гъыуэ бжэщхьэ1ум тот1ысхьэ. Мыщэр къыбгъэдохьэ).
Мыщэм: Мыр л1о,Тхьэк1умэк1ыхь ц1ык1у, хэт узыгъэгъар?
Тхьэк1уэк1ыхьым: Сэ иджыпсту бжес1эну къуажыхьыр къащ1и сызыгъэгъар къэпщ1энщ. «Зи к1эр зылъэф, зи фэр зи бий.
Мыщэм: 1эгъу ! Бажэр ара?
Тхьэк1уэк1ыхьым: Бажэр къак1уэри си унэр сф1иубыдащи, къысхущ1эк1ыжыркъым. Мес, уэрэд кърешри щ1эсщ.
Мыщэм: Мыдэ сэ абы сыхурикъункъхэ! (бжэм бгъэдохьэри тоу1уэ)
Ей напэншэ,мы тхьэмыщк1эм ф1эк1 узыщыхьэн бгъуэтыркъэ!
Бажэм: Л1о узыхуер?
Мыщэм: Къыщ1эк1 мы унэм.
Бажэм: Щыгугъ абы…
Мыщэм: Сыныщ1ыхьэнщи, уи фэр тесхынщ.
Бажэм:Уи фэр тесхынщ жып1а?! Зэ догуэ, мыдэ си вакъит1ыр щызгъэт1агъэ уэ: уэрэ сэрэ хэт и фэр трахми,деплъынщ!(1эуэлъауэ зещ1)
Мыщэм: (шынауэ къок1уэтыж). Къысхуэгъэгъу, Тхьэк1уэк1ыхь ц1ык1у,щ1ыхьэху сок1уэри соп1ащ1э.Нэхъ пщыхьэщхьэ1уэ хъумэ, къытезгъэзэнщ, си шыпхъу.
Бажэм: «И хьэсэпэ здынэс ищ1эжыркъым». Плъагъуркъэ а лъапэ нэфым и гугъэр! Уэри!(И дзапэ уэрэдым пещэ).
Тхьэк1уэк1ыхьым: Сыт мыгъуэр си махуэт.(гъынанэу къыщ1едзэж)
Дыгъужьым: Мыр сыт,узэщыджэу утыкум щхьэ уит?
Тхьэк1уэк1ыхьым: Бажэр къак1уэри си унэр ибыдащи, къысхущ1эк1ыжкъым.Щ1ымахуэр къэсащ, пщ1ант1эм сыкъыдэнакъэ Дыгъужьыжь…
Дыгъужьым: А нэжэсым ищ1ам еплъыт… Умыгъ, сэ къыщ1эсхужынщ.(Бжэм бгъэдохьэри тоу1уэ).
Ей, напэншэ, къыщ1эк1 мы унэм1!
Бажэм:Дауэ жып1а?
Дыгъужьым: Къыщ1эк1 ,зо, мы унэм! Гуэныхьщ мы пщ1ант1эм къыдэбна тхьэмыщк1эр. Сыныщ1ыхьэмэ, уи фэр тесхынщ.
Бажэм: Зэ умып1ащ1э. Мыдэ си к1агуэр щыст1эгъэнщи, сыныщ1эк1мэ, хэт и фэр трахми уэзгъэлъэгъунщ!
Дыгъужьым:(Тхьэк1умэк1ыхьым жри1эурэ) Фи1уэху дахэ ухъу,си шыпхъу ц1ык1у, сэ модэ тетыр къызэджащи, соп1ащ1э. Нэхъ пщыхьэщхьэ хъумэ, сыкъыплъыгъуэзэнщ.
Бажэм: Хьым! «И шык1э маф1э егъэуауэ». Сыныщ1эк1ыху, у1умык1ыжащэрэт: сабэр къыпхезгъэхынт! Уа, угъынанэу куэдрэ ущытыну мыбдей ?! Жылэр щхьэ зыщ1эбгъэстрэ?! Унэр сысейщ- зы1уегъэх адэ!
Тхьэк1уэк1ыхьым: Сыт мыгъуэр си махуэ…
Адакъэм: Сыт къэхъуар,щхьэ угърэ?
Тхьэк1уэк1ыхьым: Дауэ сымыгъынрэ: Бажэр къак1уэри си унэр иубыдащи,къысхущ1эк1ыжкъым.
Адакъэм: Нт1э ар 1уэху. Сыт абы щхьэк1э ущ1эгъыр? Сэ абы и нэвагъуэр езгъэлъэгъужынщ.Мэкъу еуэным си гур щ1ихащи, а Бажэ жыхуэп1эр езыр шэджэгъуашхэ хъарзынэ схуэхъунущ.(Бжэм тоу1уэ) Хэт мыбы щ1эсыр?
Бажэм: Сэращ…
Адакъэм: Уэ ухэт?
Бажэм: Сэращ… Бажэращ…
Адакъэм: Еплъыт мыр здэщы1эм. Лэпс тепхъэ усщ1ыну нобэ лъандэм сыплъохъуэри узгъуэтыркъым.Къыщ1эк1 мыдэ!
Бажэм: Иджыпсту …
Адакъэм: Къыщ1эк1 жыс1акъэ!
Бажэм: Си вакъэр щызот1агъэ…
Адакъэм: Куэдрэ дызэригъэжьэну мыбы!
Бажэм: Си к1агуэр щызот1эгъэжри аращ…
Адакъэм: Вакъэ,к1агуэ жи1эу кудрэ дызыпигъэплъэну мыбы! Зэ умып1ащ1э уэ! Уи цыр пхуэзмыщмэ, сэ сы-Адакъэкъым!
Бажэм: Уэуэууууу мыгъуэ! (щхьэгъубжэмк1э къыдолъри йожьэж)
Адакъэм: «Е пщ1ауэ, ф1ы ущымыгугъ!» Уэри! Насып уи1эти,укъыс1эрыхьакъым.К1уэ, си шыпхъу ц1ык1у,щ1ыхьэж уи унэм.
Тхьэк1умэк1ыхьым:Тхьэр арэзы къыпхухъу, уэ къысхуэпщ1ар зэрысщыгъупщэн щы1экъым, неблагъэ, си 1энэр хьэзырщ!
Уэрэд «Адыгэ хабзэ»