СДЕЛАЙТЕ СВОИ УРОКИ ЕЩЁ ЭФФЕКТИВНЕЕ, А ЖИЗНЬ СВОБОДНЕЕ

Благодаря готовым учебным материалам для работы в классе и дистанционно

Скидки до 50 % на комплекты
только до

Готовые ключевые этапы урока всегда будут у вас под рукой

Организационный момент

Проверка знаний

Объяснение материала

Закрепление изученного

Итоги урока

"Глаголым и ит зэманыр"

Нажмите, чтобы узнать подробности

Просмотр содержимого документа
«"Глаголым и ит зэманыр"»

Адыгэбзэр 5 классым


Урокым и темэр: Глаголым и ит зэманыр


Урокыр зыхуэдэр: щIэныгъэщIэ щызэрагъэгъуэт

Урокым и кIэм сабийм ягъуэтын хуей зыужьыныгъэр:


Сабийм и зэфIэувэныгъэм ехьэлIауэ (личностные):

1) я анэдэлъхубзэм и къулеягъыр хьэкъ ящыхъуауэ ирипсэлъэныр яфIэфIын;

2) бзэм и шэрыуагъыр ефIэкIуэным зэпыч имыIэу елэжьын зэрыхуейр я фIэщ хъун.

3) цIыху жьакIуэм и пщIэр зэрынэхъиным гу лъатэн.

Метапредметнэхэр:

1) зэбгъэгъуэта щIэныгъэр къыкIэлъыкIуэнум тегъэщIапIэ зэрыхуэхъур ящIэн;

2) зэрыт щытыкIэмрэ я псэлъэгъумрэ елъытауэ псэлъэкIэр къыхахыфу есэн.

Предметнэхэр:

1) адыгэбзэм нэхъыбэу къыщысэбэпыр глаголыр арауэ зэрыщытым гу лъатэн;

2) глаголым и зэманхэм я къэхъукIэмрэ къэгъэсэбэпыкIэмрэ зэрагъэпщэфын;

3) щхьищым ит глаголхэр хэр псалъэ зэпхам, псалъэухам къыщагъэсэбэпыфын.

Нэхъыщхьэу урокым хэлъын хуей гупсысэр: адыгэбзэм и щытыкIэ нэхъыщхьэхэм щыщщ глаголым и къэхъукIэкIи зыхъуэжыкIэкIи нэхъ зиужьауэ зэрыщытыр.

Урокым и къызэгъэпэщыкIэр: егъэджакIуэмрэ еджакIуэхэмрэ я зэпсэлъэныгъэм темэм хишэн, еджакIуэхэр гупу, щхьэ закъуэу гъэлэжьэн.


Урокым егъэджакIуэм къыщигъэсэбэпыр:

1. Урокым къыхухэха текстхэмрэ псалъэжьхэмрэ.

2. Доска щытхэр.

3. Компьютер, проектор, экран.


Урокым и екIуэкIыкIэр:


Урокым и темэмрэ абы и кIуэцIкIэ щекIуэкIыну лэжьыгъэмрэ хэшэн

ЕгъэджакIуэм и лэжьыгъэр

ЕджакIуэхэм ягъэзащIэр

ЦIыкIухэ, хэт дигу къигъэкIыжын, сыт адыгэбзэ урок кIуам дызэлэжьар, зэдгъэщIар?

Урок кIуам дэ делэжьащ глаголым и зэманхэм. Дэ къэтщIащ глаголым блэкIа, ит, къэкIуэну зэман зэриIэр.

Глаголым и зэманищым щыщу дэтхэнэм нэхъ щыгъуазэ дыхъуа?


Дэ къэтщIащ блэкIа зэманым ит глаголым щхьэрэ бжыгъэкIэ зэрызахъуэжыр.

ЦIыкIухэ, глаголым и зэманхэр, и зыхъуэжыкIэр дымыщIэмэ, адыгэбзэм дримыпсэлъэфынура? Сыт абы дыщIеджэр?


Дрипсэлъэфынущ, ауэ бзэм и лэжьэкIэм нэхъ куууэ щыгъуазэ дыхъуху, ди псэлъэкIэри нэхъ купщIафIэ хъунущ. Ди тхэкIэми зиужьынущ. Абы и гъусэу ефIэкIуэнущ ди гупсысэкIэр.

ЕджакIуэхэм я щIэныгъэмрэ гупсысэмрэ зезыгъэужьыну лэжьыгъэм хыхьэн. ЕгъэджакIуэм и псалъэ

Узахуэщ, набдзэгубдзаплъэу дыхущытыху, бзэм нэхъ дахэу зыкъызэкъуихынущ, хьэлэмэтагъыу хэлъым дылъэIэсынущ. И зы щэху нахуэ къэтщIыху, дэри абы худиIэ лъагъуныгъэм хэхъуэнущ, дызыIэпишэнущ. Дауи, ар ди анэхэм я бзэщ, ар ди лъэпкъ дыщэм и бзэщ.

Пытщэнщ-тIэ ди къэхутэныгъэхэм. ИкIи тегъэщIапIэ тщынщ … Сэ вжесIэ нэхърэ, фэ гу лъыфтэжым нэхъ къэфщтэну къыщIэкIынщ тегъэщIапIэ тхуэхъунури.

Фыкъеджэ экраным къытридза щапхъэхэми, зищIысыр къыжыфIэ:

1. Делэм сэ сыфIокI, губзыгъэр езыр къысфIокI.

2. Гуапагъэр щымащIэм жагъуагъэр щопэкIу.

3. ФIым фIы къыпокIуэри, Iейм Iей покIуэж.

Мыхэр псалъэжьщ.

Сыт хуэдэ Iущагъ мы псалъэжьхэм къахэдгъуатэр?

1. ЦIыхуитIыр зэрызэщымыхьэн къикIыу аращ. ФIэгъэнапIэ лъыхъуэркъым.

2. Псори фIыуэ дэзэхущытын хуейщ, Iей къэмыхъун щхьэкIэ.

3. ФIы пщIэмэ, Iей къыпэкIуэнкъым, Iей пщIэмэ, фIы къыпэкIуэнкъым.


НтIэ, сыту пIэрэ мы псалъэжьхэр тегъэщIапIэ сщIыну щIыжысIар?

Глаголхэм адэкIэ делэжьынымкIэ ахэр къэсэбэпынущи аращ.

Тэрэз. Псалъэжьхэр фи тетрадхэм ифтхэ, глаголхэр къыхитхыкIыну доскам къыдызош …

Щхьэ закъуэ лэжьыгъэ игъэзэщIэну хузогъэфащэ…

СыфIокI, къысфIокI, щопэкIу, къыпокIуэ, покIуэж.


«СыфIокI» псалъэм сыт хуэдэ грамматическэ мыхьэнэ иIэу пIэрэ?


Сы- Iыхьэм япэ щхьэ къегъэлъагъуэ. -фI- Iыхьэр псалъэ къэзыгъэхъу префиксщ, «зыгуэрым дахэкIэ пыкIын» мыхьэнэр хелъхьэ, -о-р лэжьыгъэр иджыпсту зэрекIуэкIыр къыдэзыгъащIэ зэхъуэкIа зэрыхъу префиксщ, -кI- Iыхьэр мыхьэнэ нэхъыщхьэр зыхэлъ лъабжьэращ.

Тэмэм дыдэу къыджепIащ. КъакIуи-тIэ, …, мы глагохэр морфемэкIэ зэпыудауэ зэрыттх хабзэм тету доскам къитхэ.

Сы-фI-о-кI, къы-с-фI-о-кI, щ-о-пэкIу, къы-п-о-кIуэ, п-о-кIуэ-ж.


… абы елэжьыху, дэ дедэIуэнщ … игъэзэщIа щхьэзакъуэ лэжьыгъэм. ЦIыкIухэ, жэуапым федаIуэурэ, IуэхугъуиплIым щыщу щыр тетрадым ифтхэ.




Сэ зэпкърыхауэ сытепсэлъыхьын хуеящ тхьэщIын, пщэфIэн глаголхэм щхьэрэ бжыгъэкIэ зэрызахъуэж щIыкIэм. Закъуэ бжыгъэри куэд бжыгъэри стхыуэ, жьабзэкIэ закъуэ бжыгъэр зэпкърысхын хуейуэ аращ. Ар къызэхъулIэн папщIэ къэзгъэсэбэпащ псалъэ къызэрыдгъэхъу IуэхугъуиплIыр.

Япэ Iуэхугъуэм къыщокIуэ а глаголхэр пэщIэдзэ теплъэ яIэу. Формэм зихъуэжын щхьэкIэ, япэрауэ, инфинитивы и кIэух н-р скобкэм дыдогъэувэ. Ар формэ къэхъуным хэлэжьыхьыркъым. Псалъэпкъхэр зэриух ы-ри покI.

ЕтIуанэ Iуэхугъуэм щытлъагъур мыращ: Япэ, етIуанэ, ещанэ щхьэ къэзыгъэлъагъуэ щхьэ префикс с-, у-, й-хэм яужь къоувэ ит зэманыр къэзыгъэлъагъуэ префиксыр. Ахэр зэгъусэу поувэ лъабжьэм. Абыхэм хэлъхьа мэхъу нулевой суффикс.

Ещанэ Iуэхугъуэм къэдгъэхъуа псалъэ формэр щыдотхыж.

ЕплIанэ Iуэхугъуэм къыщыгъэлъэгъуащ къызытекI глаголым жыхуиIэ лэжьыгъэр япэ, етIуанэ, ещанэ щхьэм и закъуэу ит зэманым зэрыщилэжьыр.

(Щхьэзакъуэ лэжьыгъэм тхыгъэм щиIэ теплъэр. А плIым щыщу япищыр тетрадым иратхэ.)

Закъуэ бжыгъэ

I II III IV

тхьэщIЫ(н) - с+о+тхьэщI+^ = сотхьэщI - «тхьэщIын» глаголым хэлъ лэжьыгъэр япэ щхьэм и закъуэу ит зэманым щелэжь.


тхьэщIЫ(н) - у+о+тхьэщI+^ = уотхьэщI - «тхьэщIын» глаголым хэлъ лэжьыгъэр 2-нэ щхьэм ит зэманым и закъуэу щелэжь.

тхьэщIЫ(н) -й+[э]+тхьэщI+^ = етхьэщI - «тхьэщIын» глаголым хэлъ лэжьыгъэр з-нэ щхьэм и закъуэу ит зэманым щелэжь.


Куэд бжыгъэ


I II III IV

пщэфIэ(н) - д+о+пщафIэ+^ = допщафIэ - глагол; ит зэман, япэ щхьэ, куэд бжыгъэ

пщэфIэ(н) - ф+о+пщафIэ +^ = фопщафIэ - глагол; ит зэман, етIуанэ щхьэ, куэд бжыгъэ.

пщэфIэ(н) - мэ+пщафIэ +^ = мэпщафIэ - глагол; ит зэман, ещанэ щхьэ,


АдэкIэ дэ дыкIэлъыплъынщ куэд бжыгъэм и къэхъукIэм. Фыхэплъэ куэд бжыгъэм и щапхъэхэми, къыжыфIэ, сыткIэ къызэрыщхьэщыкIыр закъуэ формэм?


Щхьэ префикс д-, ф-хэм зы нэхърэ нэхъыбэ къагъэлъагъуэ.

Ещанэ щхьэм мэ-р щхьэ префикс къудейщ, куэд бжыгъэр къэгъэлъэгъуа хъун щхьэкIэ суффикс -хэ- хэтлъхьэн хуейщ.

СыткIэ-тIэ мы щапхъэхэр закъуэ бжыгъэм зэрещхьыр?

Зэрещхьыр ит зэманыр префикс -о-кIэ къызэрыхъуращ.

АдэкIэ зэрылэжьэну текстыр (экраным къредзэ):


Пщы Нэнау къокIуэж Бажэм деж.

- ФIыкIэ… - жи абы.

- ФIыкIэ, - жи Бажи. – Си щэхури мис, ар тыншу къыбгурыIуэнущ: гур мыплъэмэ, нэм илъагъуркъым.

- Гур мыплъэмэ, нэм илъагъуркъым, - жи Пщы Нэнауи, нэхъыфIу игу ириубыдэн щхьэкIэ.

- ЦIыхум ягурыхужащ а пэжыр, - жи Бажэ, - ауэ уэ зыщумыгъэгъупщэ: уэ бгъэсахэм я гуэныхь къыптохуэ. Уэри уи розэм и гуэныхь птелъщ.

- Сэ си розэм и гуэныхь стелъщ, - жи Пщы Нэнауи, нэхъыфIу игу ириубыдэн щхьэкIэ.


Сент-Экзюпери Антуан де «Пщы Нэнау»

(Нало Заур къызэриIуэтэжамкIэ.)

Текстым фыкъеджэ. Дэ сыт худэ губзыгъагъэри зыщIэтшэн хуейуэ аращи, апхуэдэ Iыхьэхэр хэфлъагъуэрэ мы текстым?

Гур мыплъэмэ, нэм илъагъуркъым.

Уэ бгъэсахэм я гуэныхь къыптохуэ.

Сыт мы пычыгъуэр тексту щIыжытIэр?

Мы пычыгъуэр текстщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ зытеухуар зыщ, псалъэуха къэс зыр адрейм мыхьэнэкIэ пыщIащ.

Нало Заур къызыриха урысыбзэм мы псалъэхэр зэрыщыIур фыфIэгъэщIэгъуэн хъуну къысщыхъури, къистхащ интерактивнэ досками, фыкъеджэ хъунущ:

Иджыпсту гупыр фэр-фэру фылэжьэнущ. Текстри етщIылIэну лэжьыгъэри экраным итщ.

Гупым ар ягъэзэщIэху хьэзакъуэ лэжьыгъэ игъэхьэзырыну хузогъэфащэ…


Чего не увидишь сердцем, глазами не увидишь.

Мы в ответе за тех, кого приручили.

Гупсысэ нэхъыщхьэ зыхэлъу къэфлъытэ псалъэухаитI къыхэфтхыкI, абы хэт глагол-сказуемэхэр зэрызэхэт IыхьэкIэ зэпкърыфх, псалъэр зэхъуэкIа зэрыхъу аффиксхэм къагъэлъагъуэр къыжыфIэ.

Гупым ягъэзэщIа лэжьыгъэр гукъыдэж зиIэу зи Iэ къэзыIэтым еупщIурэ зэпкърыхыпхъэщ.

Иджы … дедэIуэнщ, жэуапыр фигу зэрырихьари утыку къэфщIынщ.


Сэ усэ цIыкIум сыкъеджэу, глаголымрэ абы къепха псалъэмрэ къыхэстхыкIын, глаголыр зэрыт щхьэмрэ зэманымрэ згъэбелджылын хуеящ.

ЛIыжьхэр жьакIэм толъэщIыхь,

ЛIыжьхэр лIыгъэм топсэлъыхь:

«ЛIыгъэм,- жаIэ,- лIыр къыдех,

ЛIыгъэншагъэр напэтехщ. (Багъ Н.)

ТолъэщIыхь (хэт?) лIыжьхэр, (сытым?) жьакIэм.

Топсэлъыхь (хэт?) лIыжьхэр, (сытым?) лIыгъэм.

Къыдех (сытым?) лIыгъэм, (хэт) лIыр.

Напэтехщ (сытыр?) лIыгъэншагъэр.

ТолъэщIыхь, топсэлъыхь, къыдех глаголхэр ещанэ щхьэм итщ. ТолъэщIыхь, топсэлъыхь глаголхэр куэд бжыгъэм зэритыр къыдэзыгъащIэр «лIыжьхэм» хэува суффикс -хэ-ращ. Къыдех, напэтехщ глаголхэр закъуэ бжыгъэм итщ. Ит зэманыр къэзыгъэлъагъуэ префиксхэр къыхэзгъэщащ: -о-, -о-, -е-, -е-.

Дауэ къыфщыхъуа … и жэуапыр?

Тэрэзу и лэжьыгъэр игъэзэщIащ. Дызэджэр къызэрыгурыIуэр нэрылъагъущ.

«ЛIы» псалъэм псалъэ къэхъукIэ цепь къытекIынущ, абы нэмыщI псалъэ къэхъукIэ Iэрамэ къытедгъэкI хъунущ. Хэт щигъэзэщIэн доскам?.

ПкъЦ: лIы лIы+гъэ лIыгъэ+ншэ лIыгъэнша+гъэ

ПкъI: лIы, лIыгъэ, лIыжь, лIыгъэншэ, лIыгъэншагъэ.

Урокым щащIар къызэщIэкъуэжын:


Сыт мы урокым дызэлэжьар?


Глаголым и ит зэманым и къэхъукIэр зэдгъэщIащ

Сыт ар къыдэхъулIэным папщIэ длэжьар?


Формэ къэхъукIэ лъэпкъыгъуэхэм дыкIэлъыплъащ. БлэкIам и формэм едгъапщэри, зэрызэщхьымрэ зэрызэщхьэщыкIымрэ къэтхутащ.

ЩIэуэ къэтщIар щIэдгъэбыдэжынымкIэ сыт тегъэщIапIэ тщIар?


ТегъэщIапIэ тщIар псалъэжьхэм хэт глаголхэрщ, Нало Заур зэридзэкIа текстырщ.

СыткIэ дыхуеину дэ нобэ къэтщIам?


Дыхуеинущ адэкIэ щIэуэ иджыри зыгуэр къыщытщIэкIэ. Нобэ ит зэманыр къыдгурыIуэнымкIэ сэбэп хъуащ дызэджа блэкIа зэманыр къызэрыдгурыIуар

Оценкэ гъэувын. Унэ лэжьыгъэ етын: Нобэрей урокым щыгъуазэ фызыхуэхъуам планым тету фытепсэлъыхьыж.ФщызгъэпсынщIэным папщIэ план фызот:

1. Ит зэман зиIэ глаголхэм къагъэлъагъуэр

2. Ит зэман зиIэ глаголхэр закъуэ бжыгъэм щитым щхьэкIэ зэрызахъуэжыр: щхьэ префиксыр, зэман къэзыгъэлъагъуэ префиксыр.

3. Ит зэман зиIэ глаголхэр куэд бжыгъэм щитым щхьэкIэ зэрызахъуэжыр: щхьэ префиксыр, зэман къэзыгъэлъагъуэ префиксыр.

4. Формэ къэхъукIэ лъэпкъыгъуэхэм тету фи щапхъэхэр къэфхь.



ЕгъэджакIуэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэр къипщытэжын

КъызэхъулIахэр

Нэхъ гугъуехь зыпыщIахэр

ЕбгъэфIакIуэ зэрыхъуну щIыкIэр

1. Глаголым и формэ къэхъукIэ лъэпкъыгъуэхэр фIыуэ яухуэ, ар сэбэп мэхъу псалъэм и тхыкIэмрэ мыхьэнэмрэ тэмэму къагурыIуэнымкIэ.

2. Текстым и нэщэнэхэр тыншу жаIэф.

3. Глаголым и зэман формитIым я къэхъукIэкIи мыхьэнэкIи зэрагъэпщэф, зэрызэщхь-зэрызэмыщхьхэр зэхагъэкIыфащ. Ар и щыхьэтщ я гупсысэкIэм зэрызиужьам.

1. Жэуапыр шэщIауэ жызымыIэф къахокI.

2. Я тхыгъэ лэжьыгъэхэм пэжырытхэм къемызэгъ тхыкIэ ущрохьэлIэ.

1. Дэтхэнэми и щIэныгъэр здынэсым тещIыхьа лэжьыгъэхэр яхуэгъэхьэзырын.

2. Яджар къызэщIакъуэжу къэпсэлъэныгъэ ягъэхьэзырыну нэхъыбэрэ етын.

3. Псалъэхэр морфемнэу, орфографическэу нэхъыбэрэ зэпкърыхын.