Сценарий мероприятия на конкурс «Моя Кабардино-Балкария»
«АТАЛЫЧЕСТВО»
г.о. Нальчик 2025г
Хэтхэр: Адэ, Анэ, Гуащэ, Тхьэмадэ ,Сабий, Автор
Автор: Ц1ыху гъэсэныр сыт щыгъуи адыгэхэм 1уэхушхуэу, щ1ыхь зыпылъ къэлэну, ялъытэрт. Лъэпкъым къыхэхъуэ дэтхэнэ сабийми ц1ыху нэс къыхащ1ык1ыну иужь итт. Абы ипкъ итк1э сабийр аталыкъым иратырт.
Аращи, хабзэ дахэу, мыхьэнэшхуэ и1эу адыгэхэм къагъэсэбэпу щыта «атэлыкъ» теплъэгъуэм щыгъуазэ фытщ1ыну фыкъыдогъэблагъэ!
Япэ теплъэгъуэ.
(Адэмрэ анэмрэ щысщ, нартыху ягъэлъалъэри, щIалэ цIыкIур ятIэ фоч мэджэгу)
Адэм: НтIэээ, унэ гуащэ, сэ жысIэращи, мыпхуэдэу мы ди щIалэр ятIэ фоч джэгуу щыскIэ са хъунукъым. Гугъуехьыр ищIэу, ишхымрэ щитIагъэмрэ сом зэриуасэр къыгуры1уэу, ар къызэращэху сомыр къэблэжьыным гугъуехь зэрыпылъыр ищIэу къэтэджын хуейщ.
Анэм: Тхьэ сэ къызгурыIуам уэ зытебгъэчыныхьыр, мыпасэIуэу пIэрэ, илъэсих ирикъуа къудейщ.
Адэм: Уэлей, адэ-анэм дежкIэ быныр сытым дежи цIыкIум… хьэуэ и зэманщ. Пщэдджыжь узыншэу нэху дыкъекIмэ, Тхьэм жиIэм, Ислъэмей къуажэ сыкIуэу Езауэ Юрэ селъэIуну си гугъэщ ,игъащIэ лъандэрэ дызэроцIыху, шыгъу пIастэ здэтшхащ си хьэтыр къилъагъунщ!
Анэм: узахуэщ, зэрыжыпIэу щIы.
Автор- Унафэ ящ1ам тету пщэджыжьым жьыуэ Мурат гъуэгу теуващ, шэджагъуэ хуегъэзэк1 хъуауэ Хьэсэнхэ нэсащ
ЕтIуанэ теплъэгъуэ.
Адэм. Хьэсэн, уо Хьэсэн! (маджэ)
Хьэсэн. Ооо еблагъэ, еблагъэ си къуэш, уэ ухьэщIэ дыди, ныщIыхьэ унэм, етIысэх.
Ей, унэгуащэ, хьэщIэ диIэщ, хьэщIэ лъапIэ.
Унэ гуащэм: Мы слъагъур пщ1ыхьэпIэ, хьэмэ нахуапIэ….
Къеблагъэ, къеблагъаппэ. Дауэ фыщытхэ, псори, щIалэри дауэ щыт?
Адэм: Тхьэр фIыкIэ къыпщIэупщIэ, дыхъарзынэщ, дыузыншэщ, долажьэ- дошхэж.
Хьэсэн: ЕтIысэхыт Мурат. ИIэ иIэ, куэдрэ дызэбгъэжьэну, къытелъхьэ мы Iэнэм ерыскъы!
Унэ гуащэм: хьэзырщ псори, нызохь иджыпсту
(ХьэщIэр ягъашхэ)
Мурат: —Сэ сыкъыщ1эк1уар к1ыхь зысмыщ1у жыс1энщ, сылъэ1уак1уэщ.
Хьэсэн: - Сынода1уэ
Мурат: Зэрыфщ1эщи, зы щ1алэ закъуэ си1эу аращ. Сэ щ1эх щ1эхыурэ зек1уэ сок1уэ, куэдрэ сыкъыщыт къохъу. Ц1ыхубзк1э щ1алэр са хъунукъым, сынолъэIу, атэлыкъыу зэпшэл1эну
Хьэсэн (Мэгупсысэ)
Мурат: Си лъэ1ур зэрымытыншри къызгуро1уэ, итIани, сыкъомыгъэщIэхъуну сынолъэIу.
Хьэсэн: 1энат1э гугъу сыпэрыбогъэувэ, ауэ уи дзыхь къызэбгъэзу укъыщык1уак1э дызэгуро1уэ къэсщтэну. Лей есхынкъым, хуэмыфащэ еспэсынкъым, си унагъуэм яшхыр ишхынщ, ауэ жыс1эм ебакъуэу хуэздэнукъым.
Мурат Аращ сызыхуейр, Хъуэжэ и дыщэ сому, къимылэжьа къептыну сыхуейкъым, си ныбжьэгъум и бынщ жып1эу.
Хьэсэн: Нт1э щ1алэр къысхуэшэ блыщхьэ къак1уэ.
Узыншэу фыщытхэ!
Ещанэ теплъэгъуэ.
( щ1алэм и щыгъын т1эк1ур анэм егъэхьэзыр къэлътмакъым ирелъхьэ, т1эк1уи погъык1.)
Анэм - Си щ1алэ, уздэк1уэ унагъуэм жа1эм еда1уэ, хьэл-щэн пхэлъу,1эдэбу жы1эщ1эу щыт, нэхъыжьым упэмыпсалъэж, ар щыту умыт1ыс, уи адэм хуэфащэу щыт .
Сабийм: –Хъунщ, си анэ.
Гъуэгу махуэ, сыхьэтыф1ым алыхьым ухуишэ!
Автор: Анэм и гум щ1алэ закъуэр пык1ыртэкъым, ауэ 1эмал зимы1э 1уэхугъуэти щ1алэр иригъэжьащ.
ЕплIанэ теплъэгъуэ
Автор: зэманыр къыпхуэгъэувы1энукъым, зэрыжа1эщи, махуэм жэщыр зрихъуэк1ыурэ илъэсипщ1ри ежэк1ащ.
Адэмрэ атэлыкъымрэ зэрызэгуры1уам тету щ1алэр хуигъэсащ. Щ1ы1э, хуабэ, уэшх, уэс имы1эу и бгъум щыту сыт хуэдэ ц1ыхухъу къэлэнми пэригъэуващ, ик1и къехъул1эу иригъэсащ.1эщэ 1ыгъык1э ищ1эу, къэзыухъуреихь щ1ып1эм мыгъуащэу шым тесыфу, зек1уэ к1уам шы гуартэ изакъуэ къихужыфу иригъээсащ.
(Хьэсэнрэ и щхьэгъусэмрэ зопсалъэ)
Хьэсэн. Уей Пэнагуэхэ япхъу,зэманри дыщ1эрымыхьэу йожэк1ым. Мы ди щIалэри и унэ гъэк1уэжын зэманри къосым. Ди деж зэрыщыIэрэ, сабийуэ щытми, сигу зригъэбгъакъым. Си жыIэр тIу ищIакъым, ауэ псынщIэщ, итIанэ… жэщым нэхъ щышынэу гу лъызотэ…. Къысхуеджэ мыдэ щIалэм, дызэпсэлъэнщ…
Унэгуащэ: Темыр, а Темыр! (маджэ). (ЩIалэр Юрэ къыбгъэдохьэ)
Хьэсэн: мыдэ къэдаIуэ си щIалэ. Еуи уи шым уанэ телъхьэ. КIуэжи уи адэкъуэшым и къамэ-бгырыпхыр фи пкIэунэм фIэдзэ, уи адэм ейр уи адэкъуэшым яйм фIэдзэ. Ар укъамыщIэу зэфIэбгъэкIрэ укъэкIуэжмэ ди лэжьыгъэр псыхэкIуадэ мыхъуауэ сыбжынущ.
Автор: Дунейр к1ыф1 къызэрыхъуу щ1алэр Ислъэмей к1уащ къалэныр игъэзэщ1эну. Нэху щыху дадэмрэ нанэмрэ абы ежьащ, ик1и и 1уэхур къехъул1ауэ нэхущым къэсыжащ.
(Хьэсэн щысщ, щIалэр бгъэдохьэ)
Хьэсэн: Дауэ хъуа, си щIалэ?
ЩIалэм: Псори дэгъуэщ, хьитIым фIэкIа зыми сыкъалъэгъуакъым, я кIэр ягъэкIэрахъуэу си ужь итащ…
Хьэсэн: Ар хъунущ. Упсэу…
Нт1э иджы сэ уи адэ-анэм сымыук1ытэу уестыж хъуну зэманыр къэсауэ къызолъытэри яхуэт1уэхунщ щэбэтым къак1уэу уашэжыну.
Уи адэм укъыщиша махуэм адыгэш емынэ къызитауэ щытащ, ик1и абы къытехъук1ауэ зыш пхуэсхъумащ ущык1уэжк1э уэстыну.
Щ1. -Упсэу си адэ,сэ фэ унагъуэм къысхуэфщ1ар мы дунейм сытетыху сщыгъупщэнукъым.
Автор: Зэрыжыхуи1ам хуэдэу Хьэсэн Мэршэнкъулхэ яхуи1уэхуащ я щ1алэр яшэжыну ик1и абы теухуауэ ныш иук1ащ, хьэщ1э куэди къригъэблэгъащ.
Джэгу ящ1
Нобэ мыбы къытхуэк1уахэм узыншагъэ фи1эу,
Ц1ыхум ф1ыуэ фалъагъуу,
Махуэ жагъуэ фимы1эу,
Фи 1эпэм дыщэр къыпыщэщу,
Фи пщэдейр гуф1эгъуэу,
Фи гъащ1эр к1ыхьу,
Фи дунейр дахэу тхьэм куэдрэ фигъэпсэу